Свернуть поиск
Правая колонка
Онлайн апщий
Адыгэ ныпым и гъэфIэж махуэшхуэр гъэ къэс лъэпкъым и гупсысэрэ къарукIэ егъэлъапIэ. Хабзэ хъуауэ а махуэм щIалэгъуалэм адыгэ жылэхэр мэршынынэкIэ зэхажыхь, джэгу ящI, IэпэIэсэ-Iэрсэрыжьхэм я гъэлъагъуэ ирагъэкIуэкI, нэгъуэщI Iуэхухэр зэрагъэпэщ.
Дыгъуасэ facebook-м ХъуэкIуэн Антисэ зы тхыгъэ кърилъхьащ "Лъэпкъ ныпыр зэрыдгъэлъапIэнур" жери (линкыр мис, феджэнумэ - фыхуитщ: https://www.facebook.com/permalink.php?story_fbid=2322105481338391&id=100006168859307 ).
ХъуэкIуэн Антисэ къыщнэмыщIауэ "Хабзэ" хасэми я нэпэкIуэцIым къралъхьа тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ мэгъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм адыгэ ныпым теухуауэ автопробег щекIуэкIыну къэралым хуитынынъэ итакъым. "Щхьэ тэмэмкIэ дегупсысмэ", "Гундэлэн щекIуэкIа хьэргъэшыргъэр", "Ингушыр зауэ банэм хадзэну куэд зэрыныкъуакъуэр" адыгэ ныпым и махуэр зэрагъэлъапIэм еппхын щхьэкIэ щхьэ мытэмэм уфIэтын хуейщ. Ауэ узыхуэмей гуэр екIуэкIрэ епщIэнур умыщIэм апхуэмыдэ зэфIэмыхьэ-зэфIэIуа куэд къэпIунщ.
Гундэлэн деж къыщыхъуар къэралым и щыуагъэщ къызыхэкIар. Нобэр къыздэсым къэралым и къарур зытригъэкIуадэр купщIи, гупсыси зыхэмылъ pseudo-international Iуэхухэращ. БаштекъузэкIэ цIыху зыбгъупщI зэхуахус, нып зэрыз ират, жезыгъыIэми жызыIэми я фIэщ мыхъуу Урысей ФЕДЕРАЦЭМ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэр дызэкъуэшщ жаIэ, къызэхуэсар цIыху зыбгъупщI фIэкI зэрымыхъур уи нэ къыщIэмыуэу сурэт тIэкIу тырах, media, social media къарукIэ ягъэбэгъуэжри лъэпкъыу хъуар фIы дыдэу дызэрызэхущытыр ди фIэщ хъуа ящохъу. Media-м мор жаIэ, интернетым уохьэри адыгэмрэ къущхьэмрэ зэрохь. АтIэ, imitation-кIэ зэджэ къэрал хабзэжьыр щIагъэхуабжьэмэ аркъэ хъунур?! "ПцIы лъакъуэ щIэткъым" - жаIэ адыгэм, пцIым пкъыи иIэкъым - занщIу къызэтощахэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и кIуэцIкIэ апхуэдэ IуэхумыщIэкIэм Гундэлэн деж щекIуэкIам хуэдэ гуэр къыхокI. ДяпэкIи къыхэкIынущ - къущхьэр къоуври я пэкIум деж адыгэм щхьэкIэ ягу къыпылъаду хъуар щыжаIэ, я гуфIэгъуэ махуэм ди щыгъуэщI зэхуэсыпIэм и гупэр джэгупIэ ящI, ауэ къэрал хабзэкIэ, цIыхугъэ, этикэ гупсысэкIэ зыри жэуап яхькъым. Арэурэ адыгэ щIалэхэм губжь яхузэтрехьэ, зыгуэр хъумэ ягъэр ахэм яйщ, адыгэ ныпым и махуэр къыздыпытри Тхьэм ирещI, ауэ ари къуаншэщ.
КIуэкIуэ Къазбэч лъэIуащ жи "ди щIалэхэр зэтеубыдауэ, нэхъыжь унафэм щIэту, хабзэ дахэр ягъэлъагъуэу, нэхъыжь напэр ямыгъэутхъуэу, гуфIэгъуэ махуэр ирагъэкIуэкIыну". Лъэпкъыми, республикэми нэхъыжь иIэрэ имыIэрэ Гундэлэн щыгъуэ тлъэгъуащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэхуэс екIуэкIыу, дунейм тет хасэ тхьэмадэ хуэдэхэр къызэхуэсауэ, республикэм и унафэщIу щытари яхуеблэгъауэ хасэшхуэ ирагъэкIуэкIащ. Ди "нэхъыжьхэм" къаухэсари Тхьэм ирещIэ, сэ сщIэращи, Къэбэрдей театрым мохэр къыщIэухэсыкIыху гууз-лыуз зиIэ, бампIэ зыхузэтрихьа ди щIалэгъуалэм зыри къыхуэмызэу, зыми ямыгъэупщIыIуу лъыкIпсыкIыр къыхалъхьанэм нагъэсащ. Хэт и унафэ адыгэ щIалэгъуалэр зыщIэвгъэтынур? Хэт и псалъэ зыщIэдэIунур? Чэфыжьыпкъэу кIэмунист pseudo адыгэ Iэнэхэм къыпэрыджэлыкIыж хъулъхугъэ щхьэц тхъуахэра? Сэветскэм къыщынауэ бюрэкратыгъэм итхьэлэ "тхьэмадэхэра"? Адыгэ щIалэгъуалэм нэхъыжьхуэлIэ диIэщ, ди гур игъущыкIауэ гъуазэ долъыхъуэ, тлъагъум Тхьэм дыщихъумэ...
Нобэ я гур итхьэщIыкIауэ, адыгэр я фIэщI хъууэ къызэщIэрыуа адыгэ щIалэгъуалэр экстремисти, сепэрэтисти, шэвинисти фхуэхъункъым. Адыгагъэр зи фIэщ хъур этикэм, цIыхугъэм, пэжыгъэм, къабзагъэм и телъхьэщ, адыгагъэм нэхърэ адрей лъэпкъхэр, цIыхухэр нэхъ зымыгъэпуд этикэ, филсэф къыфхуэгъуэтынкъым.
Си къуэшхэ, си шыпхъухэ, сэ хаси сыхэткъым, зыми лIыкIуи сищIакъым, адыгэ псом я цIэкIи сыпсалъэкъым, ауэ сыадыгэу си Хэкужь сыщисыжкIэ фэр хуэдэ зы адыгэу зыфхузогъазэ!
Мэлыжьыхьым и 25-р - адыгэу щыIэм ди напщIэм телъ, ди напэу ди нып лъапIэм и гъэфэж махуэшхуэщ. Ар къэзыIэта ди адэжьхэм, ар зи фIэщ хъууэ зи псэ зытахэм, щIым щыщ хъужу кIыгъэрэ лъхугъэу къэщIыжауэ ноби дызэхэзыщIэхэр къэдмыгъэщIэщхъуу, дызыхэс къэрал и хабзэ демыбакъуу а махуэр едывгъэхьэкI. Псэууэ лIахэм дадэмыплъеифми, лIауэ псэухэм я цIэкIэ, я щапхъэкIэ а махуэр тхуэмэхуэн хъун хуэдизу дывгъэгъэлъапIэ.
Хэкурэ хабзэрэ. Ныпырэ напэрэ.
Ди хэкужьыр мэбагъуи, ди мэгъужи...
Шыбзыхъуэ Астемыр

Присоединяйтесь — мы покажем вам много интересного
Присоединяйтесь к ОК, чтобы подписаться на группу и комментировать публикации.
Комментарии 2